Хьэпӏацӏэхэр зэтолӏэр
Мэлыжьыхь мазэм Nature гъуазэ тхылъым и напащхьэм мис мыпхуэдэ цикадэрэ, и кӏуэцӏым щIэныгъэ лэжьыгъитхурэ иту къыдэкӏащ: сыт хьэпӏацӏэхэм къащыщӏыри, ар зилажьэри.
Зы
щIэныгъэ лэжьыгъэр Британиэшхуэм, Джэрмэным, Урысейм щыщ щӏэныгъэлӏхэм ирагъэкӏуэкӏащ: абыхэм къагъэунэхуащ сыт хуэдэ хьэпӏацӏэхэр иджыпсту нэхъ зэтелӏэми. Илъэс зыбжанэкӏэ узэӏэбэкӏыжмэ, а гуп дыдэм зы ӏуэхугъуэ къигъэунэхури, ар зэрыпэжым шэч зэрыхэмылъыр наӏуэ ищӏащ: пӏалӏэ кӏэщӏкӏэ Европэм щыпсэу хьэпӏацӏэхэр плӏыкӏэ угуэшауэ нэхъ мащӏэ хъуахэщ — я биомассэмкӏэ, псори хьэпӏацӏэхэр зыхуэтхьэсу я хьэлъагъыр къэтпщатэмэ.
Я лэжьыгъэщӏэм деж абыхэм мы ӏуэхугъуэм гу лъатэр: биомассэр нэхъ мащӏэ хъуащ, ауэ хьэпIацIэ лӏэужьыгъуэ бжыгъэм зихъуэжакъым. Упщӏэ зэфтыжыфынущ: дэнэ-тӏэ хэщӏ здэщыӏэр? Къызэрыщӏэкӏамкӏэ, гъуэтыгъуей лӏэужьыгъуэхэракъым мы ӏуэхугъуэр нэхъ зылъэӏэсыр: ахэм я бжыгъэм тӏэкӏу зихъуэжу аращ: зэм хохъуэр, зэм хощӏыр.
Хэщӏ ин зиӏэр зи щхьэ бжыгъэр куэд лӏэужьыгъуэхэращ. Ахэм я щхьэ бжыгъэр апхуэдизу инщи, экосистемэм и инженеру йоджэр: абыхэм къэкӏыгъэхэр яушэсыр.
Етӏуанэ пычыгъуэу къэкӏыгъэхэр, ахэр зышх бзухэр, шэрыпӏхэр зэтелӏэнущ.
Мы къыдэкӏыгъуэ дыдэм ит адрей щӏэныгъэ тхыгъитӏым убгъуауэ кытхуаӏуатэр бжьэхэмрэ щӏыбжьэхэмрэ я кӏуэдыкӏэр; иджыри зы тхыгъэр топсэлъыхьыр а ӏуэхугъуэм и къежьапӏэм.
Къызэрыщӏэкӏамкӏэ, хьэпӏацӏэхэр куэду зэрылӏэр нэхъыбэу зи лажьэр цӏыхум мэзхэм, губгъуэхэм лей зэрырихыракъым, атӏэ климэтым зэрызихъуэжыращ.
Щӏылъэ псом Еханэ зэтелӏэгъуэ къыщокӏуэкӏыр. Етхуанэм (65 млн илъэскӏэ узэӏэбэкӏыжмэ) — динозавырхэр зэтриукӏащ. Еплӏанэр (Перм-Триасс) — псом нэхърэ нэхъ инт, икӏи щӏым тет псэущхьэхэм я 90% (бгъущӏ процент) иукӏащ.
Ауэ а зэтелӏэгъуэхэм иджыпсту хуэдэу псынщӏэу зыри къэхъуртэкъым, икӏи зы гъащӏэм и кӏуэцӏкӏэ щӏыуэпсым зэрызихъуэжым укӏэлъыплъыфыртэкъым.
Урысыбзэкӏэ мы къыдэкӏыгъуэр