Ди лъэпкъэгъухэ, етӏэнэгъэ пӏалъэ фӏыкӏэ фыныс!
Нобэ гъэм ипэ махуэщ, шэджагъуэ нэужьым (21.03-м, сыхьэтыр 12 нэужьым) адыгэ гъэрыгъэпсымкӏэ гъэрэ щӏырэ зэхэкӏащ. Гъэр текӏуащ, уэгур зэщӏопсэ, щӏыгур мэбауэ.
Ди Тхьэ, Тхьэшхуэ, лъэпкъыщхьэкӏэ дыбагъуэу, цӏыхущхьэкӏэ дыхэхъуэу, мэшрэ гъэшрэ дыщымыщӏэу, ди щӏэблэр узыншэрэ щӏэныгъэм хуэпабгъэу дыщыӏэну долъаӏуэ, дохъуахъуэ!