✍️ Пщэдджыжь усыгъэ
Къыспэплъэ
Къыспэплъэ, сэ сынэкӀуэжынщ.
Къыспэплъэ уи фӀэщыпэу.
Уэшх гъуэжьхэм уи гур хагъэщӀыху,
Къыспэплъэ, умыдзыхэу.
Къыспэплъэ, уэсыр щыетам,
Хуабаем къыщызэжьэ,
Адрейхэр гум щрагъэхуам,
МахуитӀ ямыгъэпэжу.
Къыспэплъэ, си тхыгъэ хъыбар
НыпӀэрымыхьэу щытми,
Пэплъэныр зэраужэгъуар
Псоми я нэгум итми.
Къыспэплъэ, сэ сынэкӀуэжынщ.
ХъуэхъуфӀкӀэ упемыжьэ
Зыпэплъэр гум щридзыжын
Чэзур къэсауэ зыбжым.
Си къуэми си анэми я фӀэщ
Ирехъу, сыщымыӀэжу.
Ныбжьэгъухэм сыщрагъупщэж,
Къысхуэщыгъуэну пӀащӀэу.
ХьэдэӀус лэпсым иреӀуб,
Я гум сыкъагъэкӀыжу.
Къыспэплъэ. Ахэм задумыщӀ.
Уэ щыт нэхъ тэмакъкӀыхьу.
Къыспэплъэ, сэ сынэкӀуэжынщ,
Сыхурикъунщ ажалым,
Къыспэмыплъам жиӀэнкӀи хъунщ:
"И кӀэн къикӀащ а щӀалэм!"
Дэнэ щищӀэн емыжьэфам
Зауэ лыгъейм и мафӀэм
Уэ сыкъызэрыхэплъэфар,
УкъызэрыспэплъамкӀэ.
Псэууэ сыкъыщӀелар дрелъ
Дэ ди зэхуакум щэхуу.
ПэплъэкӀэ пщӀэуэ аркъудейт,
Зыри къыппэмылъэщу.
✍СИМОНОВ Константин, 1941 гъ.
Зэзыдзэкӏар Чэрим Марианнэщ
Къэбэрдейм щыщ ди ныбжьэгъухэр къызэрымыкӏуэу зэчиифӏэхэщ. Мыр я напэкӏуэцӏщ:
https://t.me/nobakbr