Your trial period has ended!
For full access to functionality, please pay for a premium subscription
CH
ЧХ.Ru - адыгэ газет
https://t.me/cherkes_haku
Channel age
Created
Language
Mongolian
-
ER (week)
19.56%
ERR (week)

Адыгэ лъэпкъым и бзэр, хабзэр, тхыбзэр, гъуазджэр, щэнхабзэр хъумэным хуэлажьэ хъыбарегъащӏэ ӏэмал "Черкес хэку" - жить, говорить и думать по-черкесски! Будь в курсе всех тем, связанных с черкесским народом вместе с нами!

Messages Statistics
Reposts and citations
Publication networks
Satellites
Contacts
History
Top categories
Main categories of messages will appear here.
Top mentions
The most frequent mentions of people, organizations and places appear here.
Found 496 results
Адыгэ ныпым и Махуэм саугъэт хьэлэмэтыщэ и нанэм хуигъэхьэзыращ Гундэхъу Зарэ цӏыкӏу.

🎨 📹 Абыдэ Ӏэсят и лъэщапӏэм
04/24/2025, 17:34
t.me/cherkes_haku/638
Амилие къызытехуа газетыр
04/24/2025, 15:48
t.me/cherkes_haku/637
Газетым укъытехуэныр насып? Насыпщ!

Хьэбэз дэт " Нур" сабий ӏыгъыпӏэм къикӏа теплъэгъуэ гуапэмкӏэ дауэ дывдэмыгуэшэнрэт?!

Гъуэщокъуэ Амилие цӏыкӏу и теплъэр зытет газетыр нобэ сабий садым яхуихьащ. И ныбжьэгъухэм абы яхуиӏуэтащ тхыгъэр зытепсэлъыхь, зауэм хэта и дадэжьым, гуфӏэу ядэгуэшащ газетым абы и сурэтыр иӏыгъыу къызэрытехуамкӏэ.

Амилие и ныбжьэгъу цӏыкӏухэм Ӏэгуауэшхуэкӏэ и гуфӏэгъуэр абы даӏыгъащ!

Фӏыщӏэ яхуэфащэщ бзэми, лъэпкъ ӏуэхуми, тхыдэми, ди газетми апхуэдэ гулъытэ хуезыгъэщӏ, сабийхэр зи нэӏэ щӏэтхэу Кхъуэхъу Мадинэ, Шыбзыхъуэ Саидэ, Даур Салимэ сымэ.

Атӏэ мыпхуэдэ дакъикъэхэракъэ уи лэжьыгъэм и фӏагъыр щызэхэпщӏэр, нэхъри узыгъэгушхуэр!!
04/24/2025, 15:47
t.me/cherkes_haku/635
💻Компьютерхэр мыхъуми, долэжьэф!!

Ди къуэш хэгъуэгухэм я редакцэхэм иджыри щахъумэу пIэрэ дэ зетхьэм хуэдэ  Iэпэтеуэ машинкэ?

Атlэ зетхьэ къудейкъым, дыгузавэмэ «депхъуэфыну» хьэзыру щытщ😄.

Зэрыфлъагъущи,  Iэпэм  и унафэхэр иджыри фIыуэ зэхещIыкI, хьэрф сатырхэр хыумылъагъукIыщэми, зэфIэмыуэу  тредзэ.

✍Апхуэдэ Iэмэпсымэм
ирилажьэу зэрыщытари зигу къэкIыжыни къытхэтщ…😊
04/24/2025, 14:24
t.me/cherkes_haku/634
Феджа Шекспир адыгэбзэкlэ?

Сонет 130

Си дахэм и нэр вагъуэм хуэзмыгъадэ,
И Iупэр
дыхьэрэнуэ мыплъыжь,
И щIыфэми
уэс хужьу  уIумыплъэ, 
И щхьэцми щIакIуэ  Iуву  зимутIыпщ.
 
Дамаск и
розэ хужьым,  тхьэмбылыфэм
НэкIущхьэхэр
гъунэгъууи  емыщхь,
Мэ гуакIуэ  и бэуэкIэм  къыщхьэщихми,  
Ар епэрымэм  хуэдэу  мыгурыхь.

Абы и макъыр
зэхэсхыну сфIэфIми,
Макъамэ куэд
нэхъ дахэу  щыIэгъэнщ,
Тхьэгуащэм
щабэрыкIуэу къикIухьыфми,
Си дахэм   ар и  кIуэкIэу  жызмыIэн. 

Щытхъупс трагъэлъадэ тхьэIухудхэм - 
Сэ фIыуэ слъагъур пэжым игъэпудкъым.

✍ЗэзыдзэкIар
НэщIэпыджэ Замирэщ

🔗Губзыгъэхэм я НОБЭ гупым къитхащ
04/24/2025, 12:26
t.me/cherkes_haku/633
Мэжджытжыг (сирень) - Хьэкъун Бэрэсбий и "Адыгэ къэкlыгъэцlэхэр" тхылъым апхуэдэу къыщыгъэлъэгъуащ.

Жэнэтжыг, махуэжыг фlэщыгъэцӏэри нэхъ захуэу къэзылъыти щыlэщ.

📹 гъэпщкӏуауэ урыс нанэ цlыкlум и удз гъэгъахэм тхутрихащ Борэныкъуэ Мадинэ😁👍
04/24/2025, 10:52
t.me/cherkes_haku/632
🧐 ГЪЭЩӀЭГЪУЭН ФЩЫХЪУНУЩ

БЛАЩХЬЭ

Жьэгъу узхэм (жьэгъубэг, паратит, ангина) зэреIэзэу щыта Iэмэпсымэ, нэтемыгъахуэуи зэрахьэт.

ИпэхункIэ  блэ дыдэм и щхьэ къупщхьэр гъэкъэбзауэ, кIапсэ ищIауэ  сымаджэм, сабийм и пщэм иралъхьэт, гущэм фӏадзэт.

ИужькIэ «блащхьэ» жаIэу къагъэсэбэп хъуащ хым къыхах нэщIэпкIэр зэрыс фампIэри.

✍Адыгэ мифологием и энциклопедие
Мыжей М., Пащты М.

Нобэрей гъащӏэм "блащхьэ"-р адыгэхэм къызэрагъэсэбэпыжыр бзылъхугъэ ябгэм, бзаджэм щытепсэлъыхькӏэщ.
04/23/2025, 21:30
t.me/cherkes_haku/631
04/23/2025, 21:30
t.me/cherkes_haku/630
04/23/2025, 20:29
t.me/cherkes_haku/629
📗МЫПХУЭДЭ ТХЫЛЪ КЪЫДОЛЪЫХЪУЭ!

А ӏуэхумкӏэ къытщхьэпэфын къыфхэкӏмэ, ди гуапэщ!
04/23/2025, 20:03
t.me/cherkes_haku/628
Къэбэрдейм и Ислъэмей къуажэм мэлыжьыхьым и 25-м хуагъэхьэзыра ӏуащхьэр!👍

📹 Ди щӏэтхыкӏакӏуэм къытхуригъэхьащ
04/23/2025, 15:49
t.me/cherkes_haku/627
📚нобэ мэлыжьыхьым и 23-щ. ЮНЕСКО -м игъэувауэ тхылъым и Дунейпсо Махуэщ.

"НАРТХЭР" - адыгэхэм ди тхылъ нэхъ лъапlэхэм ящыщу долъытэ.

Лъэпкъым къызэринэкI тхыдэ гъуэгуанэм и мызакъуэу, и хъуэпсапIэхэри, и гугъапIэхэри, дахагъэу къыдэгъуэгурыкӏуэри, лъапIагъэу бгъэдэлъри къыщыгъэлъэгъуащ тхыдэжь пшыналъэу зэхэт эпосым.

Сыт хуэдэ тхылъ ди лъэпкъымкӏэ мыхьэнэшхуэ зиӏэу фэ флъытэр?
04/23/2025, 09:58
t.me/cherkes_haku/626
📚ЖЭЩ УСЫГЪЭ

ГЪАЩӀЭ

Хуримыкъужу си псэм щощӀэ
Зы хуабэ гуэр, ауэ, итӀани,
Сопсэу дыгъуасэм нобэр пысщэу,
СыкъаскӀэкъым къысхэуэу бани.

Къуршыпс ерууэ гъащӀэ кӀуасэм,
Щхьэц налъэичу гъэгъу зымыщӀэм
Си зы тхьэусыхи имыщӀасэ, –
Щхьэ фӀэфӀу пӀэрэ сигъэхыщӀэм?!

И дахи Ӏеи зэхилъхьами,
Сыт къысхуигугъэми сымыщӀэ...
Сыт хуэдэ гъуэгу схухимыхами,
ГъащӀэм нэхъ фӀыуэ слъагъу щымыӀэ!

✍ЛЫХЬ Тимур
04/22/2025, 23:13
t.me/cherkes_haku/625
Адыгэ ныпым и махуэщlыр гъэлъэпlэным хуэгъэзауэ ди Щlалэгъуалэ Хасэм фыщегъэгъуазэ!
04/22/2025, 21:22
t.me/cherkes_haku/622
Repost
89
Си гъащӏэри, си гуащӏэри уэращ - си Хэку, си Лъэпкъ!

Берегите родную культуру, она у нас одна.

25.04.25 Премьера клипа «ЛъэгъэDjegu».
04/22/2025, 21:00
t.me/cherkes_haku/621
🎨Мэшэжь Сасэ упщӏэм къыхищӏыкӏ теплъэхэр телъыджащэщ.

📹✍Кушпэ Маринэ. Хэгъуэгу Адыгэ телевиденэм и нэтын.
04/22/2025, 19:01
t.me/cherkes_haku/620
Къуажэхэм сыт щыхъыбар? Къалэмкӏэ уэ къох!😞 аргуэру мэлыжьыхьыр къытхуобзаджэ
04/22/2025, 17:42
t.me/cherkes_haku/619
Ди Лӏыхъужьым и цӏэр къахэзгъуэтащ!

Си гукъэкӀыжхэм ящыщ зы.

2004 гъэм фокӀадэм Прагэ сикӀри Венэ сыщыӀащ. Сыбгъэдэтащ австрие къалащхьэр хуит къыщащӀыжым хэкӀуэда совет сэлэтхэм я фэеплъ сыным.

Абы тетщ ди лъэпкъэгъу Хьэбэч Умар и цӏэри.

Зауэ нэужьым ягъэува сыным тетхат Хьэбэч Умар Совет Союзым и ЛӀыхъужь цӀэр зэриӀэр.
Ауэ ар къыщратыжар лӀа нэужь илъэс пщӀы бжыгъэ текӀыжа нэужьщ...

✍Дэбагъуэ Хьэтызэ
04/22/2025, 16:11
t.me/cherkes_haku/618
⚡️Лъэпкъ щэнхабзэр зыхъумэхэр

Къызэрымыкӏуэ зэчийрэ, лъэпкъыпсэрэ зыбгъэдэлъ, Беслъэней къуажэм щыщ Чырбыжхэ я унагъуэм зэкъым къэрал утыку нэхъыщхьэхэм ди адыгэри, ди хэгъуэгури зэриӏэтар.

Сурэтым щыволъагъу дызэрыгушхуэ пшынауэ ӏэзэ  Чырбыж Зулетэрэ и бын зэчиифӏэхэмрэ.

Тхьэм фигъэбжьыфӏэ!✨
04/22/2025, 15:51
t.me/cherkes_haku/617
Мы тхьэмахуэм газетым и журналистхэр драгъаджэ.

Дызыхурагъаджэр "блогер" ӏэщӏагъэращ.

Ди Министерствэм и къызэгъэпэщыныгъэкӏэ "Лъэпкъ блогерым и еджапӏэ" проектыр республикэм щокӏуэкӏ.

Ар ди лэжьыгъэмкӏэ къызэрытщхьэпэнур зэманым къыдигъэлъагъунщ, арами нобэ "ӏэзагъэ" гуэрхэри къэтцӏыхуащ.😊
04/22/2025, 15:33
t.me/cherkes_haku/616
04/22/2025, 13:18
t.me/cherkes_haku/611
04/22/2025, 13:18
t.me/cherkes_haku/610
04/22/2025, 13:18
t.me/cherkes_haku/613
04/22/2025, 13:18
t.me/cherkes_haku/612
04/22/2025, 13:18
t.me/cherkes_haku/614
Иджырей зэманми декӏу теплъэ гъэщӏэгъуэнхэри иӏэщ!
04/22/2025, 13:18
t.me/cherkes_haku/615
04/22/2025, 13:17
t.me/cherkes_haku/602
🗓Нобэ мэлыжьыхьым и 22-щ.
Хуабагъыр +10° +16°🔆 шэджагъуэм уэшх итщ.

«Нэхъыжьым жьэ ет, нэхъыщӀэм гъуэгу ет». Адыгэ псалъэжь

Махуэ дахэ Тхьэм къывит!
04/22/2025, 08:19
t.me/cherkes_haku/601
Ди насыпу Нэпӏытӏ къытфӏащакъым😁😂
04/21/2025, 20:29
t.me/cherkes_haku/600
"Дахэ" псалъэм къигъэхъуа цlэхэр

Дахэзилэ, Дахэлинэ, Дахэнагъуэ, Дахэнэху, Дахэжь, Дахэхужь, Дахэцlыкlу, Дахэшхуэ, Дахащэ, Дахэшыр, Дахэланэ, Дахэжьей, Дахэжан.

Бзылъхугъэхэм я дахагъэр, гуакӏуагъэр къигъэлъагъуэу хэплъыхьауэ цӏэ дыгъэлхэр ирату щытащ.

Мыпхуэдэцlэхэр фlащт абы и щыхьэту:

Дыжьын, Дыху, Жьэгъуху, Къарэнагъуэ, Мазэгъуэ, Нэпlытl, Нурмахуэ, Нэхуэ, Нысащlэ, Пажэ, Ужьэ, Щхьэхужь, Щхьэцфlыцlэ.
04/21/2025, 20:28
t.me/cherkes_haku/599
04/21/2025, 19:28
t.me/cherkes_haku/591
04/21/2025, 19:28
t.me/cherkes_haku/589
04/21/2025, 19:28
t.me/cherkes_haku/596
04/21/2025, 19:28
t.me/cherkes_haku/592
04/21/2025, 19:28
t.me/cherkes_haku/594
04/21/2025, 19:28
t.me/cherkes_haku/593
04/21/2025, 19:28
t.me/cherkes_haku/597
Адыгэ Республикэ

Ди лъэпкъэгъу лъапӀэхэ!

Иджыпсту гъатхэм и курыкупсэм дитщ. Фыхэдгъэплъэну ди гуапэщ адыгэщӀым и къызэщӀэгъэгъэгъуэ пӀалъэм махуэ къэсыхун къуэш хэгъуэгум тыгъыу къылъыс фэзэхъуэкӀ дунейм, абы къытхуигъэуш псэзехьэ щытыкӀэхэм.
04/21/2025, 19:28
t.me/cherkes_haku/598
04/21/2025, 19:28
t.me/cherkes_haku/590
04/21/2025, 19:28
t.me/cherkes_haku/595
04/21/2025, 14:04
t.me/cherkes_haku/587
Ди щӏыпӏэ дахэхэр!!!
📹 Емзэгъ Даринэ
04/21/2025, 13:37
t.me/cherkes_haku/586
Аращи, етшэжьащ лэжьэгъуэ тхьэмахуэр... Зэредгъэжьам ӏуэхуфӏ куэд къыпэкӏуэн сурэтщ😄
04/21/2025, 13:24
t.me/cherkes_haku/585
04/21/2025, 09:38
t.me/cherkes_haku/584
Бзу абгъуэм и Тет, псэущхьэ телъыджэ шынагъуэ, Гъурнау😄

✍📷Ди журналист Туаршы Ирэ лэжьапlэм къынэсыху и репортажыр хьэзырщ
04/21/2025, 09:14
t.me/cherkes_haku/582
Нобэ мэлыжьыхьым и 21-щ.
Хуабагъыр +9° +13° 🌧 уэшхщ.

"Псалъэ дахэм пщӏэ щӏаткъым". Адыгэ псалъэжь.

Гуапагъэрэ гухэхъуэрэ махуэм къыфхуихь!!
04/21/2025, 08:08
t.me/cherkes_haku/581
🎙 Хьэщэ Муӏэед и зы таурыхъым дыщӏэдэӏужынщ.
"Джэд нэхърэ джэдыкӏэ нэхъ ӏущщ" Адыгэ таурыхъхэр
04/20/2025, 22:03
t.me/cherkes_haku/580
Цыр зыпх хабзэр бзылъхугъэрат япэм. 
"Цыпхэу ущымыт" жыlэгъуэр зыхуэгъэзауэ щытар фызыфэу щыт лlырат.
Иджырей зэманым хуэмыхум, щхьэхынэм теухуауэ къаупсэлъ ар.

Упщӏэ-жэуапым къытехъеикӏа зэпсэлъэныгъэм фыкӏэлъымыплъамэ, ар абы и жэуапщ.
04/20/2025, 21:58
t.me/cherkes_haku/579
Фцӏыхурэ бзэм хэт нагъыщэхэр?
04/20/2025, 21:00
t.me/cherkes_haku/577
04/20/2025, 12:48
t.me/cherkes_haku/576
Repost
112
Хьэжрэт шыдхэм папщӀэ💐

Зызыгъэпагэу шыд къызыфӀэщӀыжахэм
Уахэзэрыхь хъумэ, шыдыфэ зытегъауэ.
Ахэр зэреплъымкӀэ, апхуэдэу мышыдыфхэрщ
Хабзэм и лъабжьэри и ӀэфӀри зыгъэутхъуэр.


#ХАЙЯМ_Омар
04/20/2025, 12:24
t.me/cherkes_haku/575
04/20/2025, 10:42
t.me/cherkes_haku/572
04/20/2025, 10:42
t.me/cherkes_haku/565
04/20/2025, 10:42
t.me/cherkes_haku/569
04/20/2025, 10:42
t.me/cherkes_haku/567
04/20/2025, 10:42
t.me/cherkes_haku/566
04/20/2025, 10:42
t.me/cherkes_haku/564
04/20/2025, 10:42
t.me/cherkes_haku/568
04/20/2025, 10:42
t.me/cherkes_haku/574
04/20/2025, 10:42
t.me/cherkes_haku/563
04/20/2025, 10:42
t.me/cherkes_haku/570
04/20/2025, 10:42
t.me/cherkes_haku/562
Гъатхэ мэз.... Жьыри щӏэри, гъащӏэм и къежьапlэри и кӏэухри, псэ зыӏути псэншэри зы здэхъу...
04/20/2025, 10:42
t.me/cherkes_haku/571
04/20/2025, 10:42
t.me/cherkes_haku/573
04/20/2025, 09:54
t.me/cherkes_haku/561
Жьакуэ къуажэм шыд куэду зэрызэрахуэр ягъэхъыбар, тӏэкӏуи щӏэнэкӏалъэ ящӏу😄. Ауэ сэ зэрысцӏыхумкӏэ Хьэгъундыкъуейщ Шыд хьэблэ зиӏэр.

Иджырей зэманым шыди зыми имыӏэж, къуажитӏри абы иримыгушхуэжыф.

Мы нышэдибэ ди псыхъуэм дызыӏущӏа шыд цӏыкӏур "раритет" жыхуаӏэм хуэдэщ. Ди гъунэгъухэм яйщ. И цӏэм дыщыгъуазэкъым😄
04/20/2025, 09:35
t.me/cherkes_haku/560
Фи пщэдджыжь фӏыуэ!

✍Федерико Гарсиа Лорка и усэ
Зэзыдзэкӏар Бемырзэ Зурабщ

�https://t.me/bemurza
04/20/2025, 08:34
t.me/cherkes_haku/559
📚 жэщ усыгъэ

НЭПС

Пшынэбзэр зыгъэбзэрабзэу адыгэбзэр зыгъэшэрыуэ джэгуакӏуэшхуэу щыта АГЪНОКЪУЭ Лашэ нэпсым теухуауэ жиӏар:

Шхын зымыгъуэтхэри магъ,
Дунеягъэм щытетхэри мэпыхьэ,
Тӏуми къапыхьыр цӏыху нэпсщ, -
Пцӏы зымыупсым зэхредз:

Тӏум я нэпсри шыугъэщ,
Умынабгъэу уеплъмэ, къабзэщ,
Мо бзийхэм зэщхьу полыд,
Дыгъэ къеӏакӏэ гъущкъым,
Тенджызым хэткӏуэкӏэ хэгъуащэкъым!
04/19/2025, 21:57
t.me/cherkes_haku/558
🌍 Дунейм и къэхъукъащӏэхэр

❄️🌨Мэлыжьыхьым и щӏыӏагъкӏэ хуабжьу гуауэщхьэуэу къыхущӏэкӏащ Тыркуейм.

Ди лъэпкъэгъухэри куэду зыщыпсэу щӏыналъэм я хадэхэкӏхэр, жыгхэр, пхъэщхьэмыщхьэхэр, удз гъэгъахэр щӏыӏэ исыжащ.

Дунейм и щӏыӏагъыр - 17° -м зэрехам къыхэкӏыу, мэкъумэшхъызмэтым фэбжь хуабжь ирихащ - щӏыгу гектар мин 81-м мэкъумэшыщӏэ мин 37-м хэщӏыныгъэшхуэхэр ягъуэтащ.
Тхьэм фӏыр къахуищӏэ🙏
04/19/2025, 19:55
t.me/cherkes_haku/557
04/19/2025, 19:55
t.me/cherkes_haku/556
04/19/2025, 19:55
t.me/cherkes_haku/555
😍Мэрям цӏыкӏу и дуней

Мэкъури яптауэ, жэмри къэпшауэ, узыхуэарэзыжу lэщым уакъыщыхэкlыжыр сыту гухэхъуэ.

Ди пщащэ lуэхужан и цlэ итlуэну игъуэ хъуащ.

✍Туаршы Ирэ

Мы нанур иджырей цӏыкӏухэм зэрамыщхьым ди гур къихьэхуауэ дыкӏэлъоплъ. Пщащэ дахэзилэ цӏыкӏум и нобэрей махуэр купщӏафӏэу зэригъэкӏуар къеӏуатэ и теплъэм😄😘
04/19/2025, 19:29
t.me/cherkes_haku/554
Адыгэ лъэпкъым къыдекӏуэкӏ нэщэнэхэм къытхутопсэлъыхь хьэгъундыкъуейдэс ди нэхъыжьыфӏхэр - Хутэ Аслъэнрэ Пхъэш Ахьмэдрэ.

📹 Ещэр Муминат, республикэ Адыгэ телевиденэм и архив
04/19/2025, 18:02
t.me/cherkes_haku/553
🦮Мыр ди унагъуэхьэщ - "Пуля". И щэнкӏэ щакӏуэхьэщ, псынщӏэу зреч, хуиту итмэ увыӏэгъуэ имыӏэу къежыхь. Гу зэрылъыфтэнщи псыгъуэ кӏыхьщ, лъагэщ.

Мыр къыщӏислъхьам щхьэусыгъуэ иӏэщ:
Адыгэхьэ лӏэужьыгъуэм щымыщу пӏэрэ?!
Щымыщми адыгэ щэн куэд хэлъщ😁 Фэ фрихьэлӏа апхуэдэ?

✍Хьэтай Мадинэ
04/19/2025, 13:28
t.me/cherkes_haku/552
04/19/2025, 13:28
t.me/cherkes_haku/551
04/19/2025, 13:28
t.me/cherkes_haku/548
04/19/2025, 13:28
t.me/cherkes_haku/550
04/19/2025, 13:28
t.me/cherkes_haku/549
04/19/2025, 12:39
t.me/cherkes_haku/547
"Хэт ущыщ жэуэ укъызэмыупщӏ".

Енэмыкъуэ Мэулид (Аталай) - адыгэ усэкӏуэшхуэ. Тыркум къыщыхъуа, щапӏа, ауэ игурэ и псэрэ и Хэкужьымкӏэ зэрыщыӏэр мы и усэм гуузу къыщыхощ.

«Хэт ущыщ къысэмыӏу!» кӏэмыргуей къэпсэлъыкӏэщ, ауэ фыхэдаӏуэмэ, гурыӏуэгъуафӏэщ. Ди бзэм зэрызиужьынум и ӏэмалыфӏщ ар.

🎤Къеджэр езы усакӏуэращ.
 
04/19/2025, 10:09
t.me/cherkes_haku/546
✍Хьэтызэ и гукъэкIыжхэр

ШэмыгъапцIэкӏэ еджэу щӏыпӏэ къызэрымыкӏуэ иӏэщ Жьакуэ. Абдеж дэ мэкъупӏэ щыдиӏэт.

Зы гъэ гуэрым, сщIэжкъым зыхуэдэр, Жьакуащхьэ щекIуэкIауэ щытащ дельтапланеризмымкIэ СССР-м и чемпионат.

Мэкъуи димыIуэхужу, гуп дызэрыгъэхъути, абы дыкIуэт деплъыну. Дельтапланыр яIыгъыу спортсменхэр Красногорскэ станицэм и Iэгъуэблагъэхэм бгым ежэхти Псыжь псыхъуэм щхьэщылъатэт, зыкъаIэтыжт, уэгум иту къыдэкIыжти, бгъэхэм хуэдэу ди щхьэщыгум щыхуарзэт.

✍Дэбагъуэ Хьэтызэ
04/19/2025, 09:43
t.me/cherkes_haku/545
Фи пщэдджыжь фӏыуэ😍

🗓Нобэ щэбэт махуэщ, мэлыжьыхьым и 19-щ.

🍽Адыгэ пщэдджыжьышхэм фыкъеблагъэ!
04/19/2025, 08:38
t.me/cherkes_haku/544
Ди журналистхэм я къалэмым къыщӏэкӏ тхыгъэхэм къанэмыщӏауэ, лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэмкӏэ псоми зэчий гуэр ябгъэдэлъщ. Абы иджыри фыщыдгъэгъуэзэнущ.

Лыхь Тимур - журналист нэсщ, бзэр къэзыгъэщӏэрэщӏэж, къэзыгъэпсэужхэм ящыщщ, къинэмыщӏауэ уэрэджыӏэ цӏэрыӏуэщ.

Тхьэм уригъэфӏакӏуэ, Тимур!

🎼 Федаӏуэ ди Тимур и макъ дахэм😍
04/18/2025, 22:35
t.me/cherkes_haku/543
✍️ Жэщ усыгъэ

Къиплъэ си гум, зэман, щыпфӏэфӏ сыхьэтым,
Ӏупщӏу иплъэгъуэнущ абдеж щыхъэ псор:
Дунеишхуэр гуфӏэгъуэхэу зыхэтыр,
Мыхъумыщӏагъэу ар зымыгъэпсэур...

✍ Хьэнфэн Алим
04/18/2025, 22:05
t.me/cherkes_haku/542
🏃‍♀🏃‍♂"Уэхьэхьей! Уэтэтей! ЦIытхъытхъ!"

"На старт! Внимание! Марш!"


Германием щыпсэу адыгэхэм я щIэблэм къагъэщхьэпэ мыр😁👍
04/18/2025, 20:53
t.me/cherkes_haku/541
📖Гурыӏуэгъуейхэм я псалъалъэ

🟩КIухьэн - и щхьэм пщIэ хуэщIыжын
🟩Къиикъ – зэфIэщIа имыIэу къэгъэша хъурей ныкъуэщ (дуга)
🟩Жасус – зи Хэкум, зи лъэпкъым епцIыжа цIыху, бийм и тIасхъэщIэхыу
🟩Зэгущ – лъэныкъуэ псомкIи зэтегъэпсыхьа
🟩Игъуэджэкъутэ – узкIэ мылIауэ
игъуэнэмыс хъуахэм хужаIэ
🟩Зэщхьыбгъу – симметрие жыхуаIэращ
🟩Нэ ищын – пщащэм, щIалэм  дихьэхын
🟩Упсэлъа – пщIэ
зиIэ гупым е унафэщIым псоми яцIыхуну ягъэIу псалъэщ (заявление)

✍Шэрджэс Алий, Хьэкъун Мухьэмэд "Адыгэхэмрэ ахэм я хабзэхэмрэ"
04/18/2025, 16:28
t.me/cherkes_haku/540
😏❔ Мы тхьэмахуэм дапщэрэ лэжьапӏэм ущӏэкӏуэсыкӏыжа?

😍 зэи, сэ сылэжьакӏуэфӏщ, си сыхьэтхэр къызолэжьыж

🙈 сыкъамылъагъуху сокӏуэсэж

😁унафэщӏым ищӏэм елъытащ

🤩 тхьэмахуэм тӏо-щэ

Къыптехуэр гъэув
04/18/2025, 15:49
t.me/cherkes_haku/539
🤩Текӏуэныгъэм и Илъэс 80-м

Али-Бэрдыкъуэ Хутэхэ ящыщ, хьэбэздэс Нелля цӏыкӏу иджыри сабийщ, ауэ анэ-адэм, анэшхуэхэм, адэшхуэхэм я ущие губзыгъэм къыщӏотаджэ, и дадэжьым, Хэку зауэшхуэм и зауэлӏ Лӏымаху ӏэюб Исуф и къуэм (прапрадедушка) щӏыхь иӏэту, къыхуаӏуэтэж хъыбархэр малъхъэдису зыщӏишэу.

Абы и щыхьэтщ дадэжьым и фэеплъу, "Сад памяти" акцэм ипкъ иту хиса жыгыщӏэ цӏыкӏури, абы зэрелӏалӏэри.

Ихъумэнущ мы нанум хахуагъэ фэеплъыр, шэч хэлъкъым.
✍Туаршы Ирэ
04/18/2025, 12:20
t.me/cherkes_haku/538
🗓Нобэ мэлыжьыхьым и 18-щ, мэремщ.
Дунейр хуабэщ☀️ +7°/19°

Блыщхьэм щӏыдодзэри мэрем махуэм догупсыс😁

Дэсыгъуэ пӏалъэм сыт хувимурадыр?
🔥⛰"Щӏы лъэмыжыр" къыфпоплъэ
04/18/2025, 10:38
t.me/cherkes_haku/537
📌БЫРМАМЫТ (ди хэгъуэгум зыгъэпсэхуакӏуэхэр куэду къезышалӏэ щӏыпӏэщ) лъагапӏэм утету ӏуащхьэмахуэ узэрыӏуплъэр😍
04/17/2025, 23:24
t.me/cherkes_haku/536
✍️Пщыхьэщхьэ усыгъэ

🕊ТХЬЭРЫКЪУЭ

Гухэлъыр тхылъымпIэм тызотхэ,
Си Iэпэр абы щIызодзыж.
Тхьэрыкъуэу гурыщIэм и гъатхэ -
Ар щIасэм деж схунэхьэсыж.

Дыхъуащи иджы зэпэIэщIэ,
Уэращ дэ тхуэхъунур дэлэл.
Тхьэрыкъуэу гурыщIэм и хьэщIэ,
ЦIыхупсэм дэщIауэ бзу Iэл.

Гъуэгу техьэ, къэгъуэт лъагъуныгъэр -
ЗэгуакIуэхэм къахуигъэщIа!
ХуэIуати си щIасэм си гугъэр,
КъегъащIэ гухэлъу хуэсщIар...

КъысфIощIыр щхьэгъубжэм къыдэплъу,
Къыппэплъэурэ щIасэр еша...
Гъуэгу техьэ, дыгъэщIэр къэмыплъу,
Тхьэрыкъуэу сэ дзыхь зыхуэсщIа!

✍ЛЫХЬ Тимур
04/17/2025, 22:07
t.me/cherkes_haku/535
🇷🇺Хъумэрэныжь къикӏыу

Ди нэхъыжьыфӏ Дыгъужь Барэсби и къуэш, усакӏуэшхуэ Къурмэн щытепсэлъыхькӏэ, гуапагъэу, фӏылъагъуныгъэу хилъхьэр плъэкӏкъым умыгъэщӏэгъуэн.

Къурмэн и фэеплъыр хъумэным, и тхыгъэхэр зэхуэхьэсыжыным, къыдэгъэкӏыжыным гуащӏэшхуэ хелъхьэ Барэсби.

Тхьэм узыншэу илъэс куэд и къуэшым иджыри кӏэлъигъэгъащӏэ!🙏

Федаӏуэ ди нэхъыжьыфӏым и псалъэ ӏущхэм
04/17/2025, 21:21
t.me/cherkes_haku/532
🤩Текӏуэныгъэм и илъэс 80-м

Нобэ, Хьэбэч Умар и цӀэр зезыхьэ Малэ Зеленчук (Ботэщей) курыт еджапӀэм Лӏыхъужьым и фэеплъ пшыхь щекӀуэкӏащ.

✍ ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэ

✈Мы къэхъукъащӀэм теухуа тхыгъэр ди газетым къытехуэжынущ, фыпэплъэ
04/17/2025, 17:26
t.me/cherkes_haku/531
04/17/2025, 14:44
t.me/cherkes_haku/528
04/17/2025, 13:28
t.me/cherkes_haku/523
04/17/2025, 11:02
t.me/cherkes_haku/522
🤩"Черкес хэку" редакцэм и хэщӏапӏэм фыкъеблагъэ!

Ди зы лэжьэгъуэ махуэм и пэублэм фыхыдогъаплъэ☺️
04/17/2025, 09:40
t.me/cherkes_haku/521
🎨 Абыдэ lэсят и лъэщапӏэм лэжьыгъэшхуэ щокӏуэкӏ.

Ар сабийхэм зэрадэлажьэм нэхъ убгъуауэ фыщыдгъэгъуэзэнущ.
📹 Абыдэ ӏэсят
04/17/2025, 08:38
t.me/cherkes_haku/520
Фи пщэдджыжь фӏыуэ!

Нобэ мэлыжьыхьым и 17-щ. Махуэ псом 🔆 +16-м хуабагъыр нэсынущ.

Нобэ 💵☺️ ахъшэм и лъэпкъыбэ махуэу ябж. Фи жыпым куэду ар иригъэлъ! 😄

📸 ЧХ- м и журналистым хэти къигъэпсэлъэфынущ😁
04/17/2025, 07:48
t.me/cherkes_haku/519
04/16/2025, 22:35
t.me/cherkes_haku/517
Search results are limited to 100 messages.
Some features are available to premium users only.
You need to buy subscription to use them.
Filter
Message type
Similar message chronology:
Newest first
Similar messages not found
Messages
Find similar avatars
Channels 0
High
Title
Subscribers
No results match your search criteria