Сэ си адэшхуэм тепсалъыхьынк1э зеик1 сырикъужыну къыщ1эк1ынкъым.
Пэжу адыгэ адэшхуэхэр сытым щыгъуи нэтынхэм къыщыхэщ «л1ыжь 1ущ» (старик мудрец) архетип-щ.
Зэрыжа1эщи: Гуф1эгъуэм и щэхур сытми сщ1экъым, ауэ си адэшхуэм игъусэу мэзым бжэгъу къэтлъыхъуэну сыщык1уэм си гъын къак1уэтэкъым (бжэгъухэм баш дахэ ц1ык1у къыщыхибзык1ыжт ит1анэ унэм)
Пэжу ди дадэ зы махуэ зыгуэр имыщ1эу и п1э исауэ сщ1эжкъым (щымысымаджэ)
Къуэнхьэблэ бгы сатырит1ым я зэхуаку дэлъщ. Си адэшхуэм и лъэ здынэмыса зы щ1ып1э къэнакъым джэбэ нэк1уит1ми. Зэм чы къищыпти матэ ищ1т, зэм хьэцыбанэ зыхуихьэсти псори шей дефэт. Сэри сыздишэт. Хьэцыбанэм сызэхичэтхъауэ си жыпым искуэху дадэ къыщыщ1а хьэлэмэт гуэрхэр жи1эжт.
(Иужьк1э къызэрыщ1идзыжамк1э жьэ1урыхуу сызэдэ1уа хъыбархэр си адэшхуэм адыгэ 1уэры1уатэм хэт л1ыхъужьэм яп1эк1э езым и ц1эр хигъэувэурэ жи1эжу арат🧌)
Ит1анэ адыгэбзэр. Си адэшхуэм ф1эк1а зыри псалъакъым жыс1эм дауик1 пц1ы сыупсынущ. Ауэ адыгэбзэр къыздыщежьэр нэхъыжьхэращ. Дадэ и шыпсэхэр мыхъуам дауик1 щхьэм илъ псалъалъэр апхуэдизу убгъуауэ щымытынк1этэри.
Ц1ык1ум и адыгэбзэр зэрыубыда зыщ1ыр псом нэхъапэ 1уэры1уатэращ. Дадэ 1уэры1уатэм и «архивариус»-т. 1уэры1уатэм ехъумэ хабзэри и тхыдэри, абы ныбжьышхуэ и1эщ, лъэпкъым и ныбжьыр и ныбжьщ. Нэщэнэхэри, къуажэхьхэри, псалъэжьхэри, псынщ1эрпсалъэхэри ищ1эт. Зэпеуэ т1эк1ур ф1эф1у сытым щыгъуи дызэдауэжыху къуажэхьхэр къыдигъащ1эт, псынщ1эрпсалъэхэм ди бзэр хуэкъута ищ1т. Куэзыр хьэрэм шхык1э нэгъунэ сыригъэсащ🤩
А сщ1эр щ1эсщ1эр къыщыздежьар дадэ и дежщ. Аращи…. Фэри фыхъу дадэф1 нанэф1.