Ныпыр лъэпкъым и нэщэнэщ. Лъэпкъыр бзэщ, хабзэщ, хэкущ, гугъэщ, гуащIэщ, щIэныгъэщ, цIыхугъэщ, цIыхущхьэ щхьэхуитщ.
Ди гугъэм дыхуитрэ ди гуащIэр пэлъэщу,
ЩыIар ди гъуазэу,
ЩыIэм дезэгъыфу,
ЩыIэнум дыхэзагъэу, Хэмыгъуащэу хэпсэухьын,
Хэунэн,
Хэджэгуэн,
ХэфIыкIын Тхьэм дищI!
Ар зи жагъуэм шыд гъурыр и пщэдджыжьышхэу,
Мышхэныр и шэджагъуашхэу,
Пщыхьэщхьэшхэм и бзэгу игъэныщкIуу,
Фыгъуэр тырифыхьыу,
Мыгъуэр и пIэщхьагъыу,
Гъуамэр и ныбжьэгъуу,
Щхьэгъубжэм дэнэцIыкIыу,
Гъунэгъур и бжэщхьэIу къытецIэу,
ИцIэр ямыщIэжу,
УнэцIэ имыIэжу
Куэдрэ игъэпсэу.