O seu período de teste terminou!
Para acesso total à funcionalidade, pague uma subscrição premium
CH
ЧХ.Ru - адыгэ газет
https://t.me/cherkes_haku
Idade do canal
Criado
Linguagem
Mongol
-
ER (semana)
17.21%
ERRAR (semana)

Адыгэ лъэпкъым и бзэр, хабзэр, тхыбзэр, гъуазджэр, щэнхабзэр хъумэным хуэлажьэ хъыбарегъащӏэ ӏэмал "Черкес хэку" - жить, говорить и думать по-черкесски! Будь в курсе всех тем, связанных с черкесским народом вместе с нами!

Mensagens Estatísticas
Repostagens e citações
Redes de publicação
Satélites
Contatos
História
Principais categorias
As principais categorias de mensagens aparecerão aqui.
Principais menções
Não foram detectadas menções significativas.
Encontrado 529 resultados
Хьэ бжьыдзэу гъэлъэн (убэрэжьын, удын къегъэлэжьын)
Хьэ бзэгу (пщтыр емыфэфым)
Хьэ дзэкъэн (бзаджэ)
Хьэ зэрышх (зэщыхьэ-зэдауэ)
Хьэ къарэм хуэдэу фӀыцӀэщ (жэщым папщӀэ)
Хьэ щэхурыпхъуэ (цӏыху ӏей -подлый жыхуиӏэщ)
Хьэ Ӏупс дэщӀыкӏын  (хэубыдыкӏын, лъэныкъуэ ирагъэзын)
Уи хьэм бажэ къиубыда? ( сытри зыфӏэдыхьэшхэн)
Хьэм егъэхьын (цӏыхур убын, ӏейкӏэ тепсэлъыхьын)
Хьэм и нэмыс хуэмыщӀын  (хьэм хуэдэу хущытын)
Хьэм щичын (щихын) щыгъкъым - (зыри зимыӏэ)
Хьэми кхъуэми - (псори зэдигъакӏуэу)
Хьэмрэ джэдумрэ хуэдэщ - (зэмызэгъхэу)
Хьэр къахэжьэн  - (мыхъумыщӏагъэм хэхуэн)
Хьэр псафэ хуэшэн- (жыӏэдаӏуэу щытын)
Хьэри бгъэри кӀэрыщӀауэ - (зыми емылъытауэ, сытри)
26.04.2025, 21:06
t.me/cherkes_haku/671
Адыгэм "хьэ"-р хэту жыӏэгъуэ куэд иӏэщ. Абы я нэхъыбэр шхыдэным, мыхъумыщӏэм елъытыным, гъэлъэхъшэным епхащ.

Сыт атӏэ, цӏыхум пэжагъкӏэ къыбгъэдэт мы псэущхьэ цӏыкӏур апхуэдизу ӏумпэм щӏищӏар?
Дауэ фэ абы фегупсысрэ?

Жыӏэгъуэхэм языныкъуэр щапхъэу къыфхудохь. Куэд дыдэ ахэр мэхъу.

"Уи хьэм бажэ къиубыда" жыӏэгъуэм и мыхьэнэм дылъыхъуэурэ апхуэдизым дрихьэлӏащ.👇
26.04.2025, 21:01
t.me/cherkes_haku/670
26.04.2025, 20:39
t.me/cherkes_haku/668
Беслъэнейм и гугъу щытщӏакӏэ, беслъэнейдэс ди щӏэтхыкӏакӏуэм триха пщыхьэщхьэ дыгъэ къухьэжыгъуэмкӏи дывдогуашэ👍 Инжыджышхуэ псым и ӏуфэм😍
26.04.2025, 20:39
t.me/cherkes_haku/669
26.04.2025, 20:39
t.me/cherkes_haku/667
Беслъэней къуажэм дэт "Беслъэней" сабий ӏыгъыпӏэм къытхурагъэхьа теплъэгъуэ😁

Ӏэнэм кӏэрыс "нэхъыжьхэм" хуабжьу егугъуу уэрэдыр жаӏэ.👍😍😍
26.04.2025, 20:35
t.me/cherkes_haku/666
Уэзы Мурат и теплъэр
26.04.2025, 15:05
t.me/cherkes_haku/665
🎼Уэзы Мурат и уэрэд.

Адыгэм ди "Zоrro"

Уэзы Мурат и къекӏуэкӏыкӏам къытратхыкӏа си гугъэщ Зорро лӏыхъужьыр.

Мы уэрэдыжьыр зытеухуар XIX лӀыщӀыгъуэм и кIэухым шу закъуэу Хэкум иса Уэзы Муратщ.

Бейхэм я мылъкур къидыгъуурэ дэхуэхахэм, тхьэмыщкӏэхэм яхуиугуэшт, сыткӏи абыхэм ядэӏэпыкъут.

Пщыхэм къращӏылӏа зэхэзехуэн куэд хэта пэтми, зэи къахуэубыдтэкъым. Зэ къыщаубыдами, яӏэщӏэкӏыжащ.

Зэрыжаӏэжымкӏэ, Псыхуабэ дэт лъэхъуэщ "Белый Лебедь" жыхуиӏэм ирадза иужькӏэ, къыщIэпхъуэжри Тыркум ӏэпхъуэжауэ щытащ. ХъыбархэмкIэ Мурат Щамым (Сирием) и сыныр щытщ.

✍Уэзы Мурат и уэрэдыр зыусауэ щытар ПащIэ Бэчмырзэщ.

📹Жызыӏэр ХЬЭГЪЭУДЖ ГУП-ращ.

Нобэкӏэ мы уэрэдыр куэдым жаӏэу фрихьэлӏагъэнщ. Ар адыгэм и тхыдэм дахэу къыхэна хъыбархэм ящыщщ.
26.04.2025, 15:04
t.me/cherkes_haku/664
26.04.2025, 12:38
t.me/cherkes_haku/662
🗞 1970 гъэм, нобэ хуэдэ махуэм къыдэкӏа "Ленин нур" газетым (иджырей "Черкес хэку") фыхыдогъаплъэ.

"Къумым и дыгъэ хужь" ("Белое солнце пустыни" ) фильмым къытопсэлъыхь, цӏыхухэр еплъыным дрегъэхьэх.

Зи щӏэщыгъуэр имыкӏ совет зэманым и кинофильмхэм щыщщ.
Фэ феплъа?
26.04.2025, 12:38
t.me/cherkes_haku/663
Дэсыгъуэ махуищым мы губжьауэ къыскӏэлъыплъ ниплӏым дауэ сафӏэкӏыну?!😁

Зэзэмызэ сэ я деж сыкъэкӏуа къысщагъэхъу😂

Иджыри накъыгъэ (май) мазэм и дэсыгъуэхэри къытпэщылъщ!
26.04.2025, 10:23
t.me/cherkes_haku/661
26.04.2025, 10:00
t.me/cherkes_haku/654
26.04.2025, 10:00
t.me/cherkes_haku/655
26.04.2025, 10:00
t.me/cherkes_haku/656
26.04.2025, 10:00
t.me/cherkes_haku/658
26.04.2025, 10:00
t.me/cherkes_haku/657
Гъатхэм и теплъэгъуэхэм защыдгъэнщӏкъым😍

Махуэфӏ псоми къывит🙏
26.04.2025, 10:00
t.me/cherkes_haku/660
26.04.2025, 10:00
t.me/cherkes_haku/659
🗓Лъэпкъым ди нобэрей махуэщӏым къинэмыщӏауэ, мэлыжьыхьым и 25-р - пхъум и Махуэу ялъытэ.

«Анэм и гъуапэр пхъум и джанэщ», жеIэ псалъэжьым.

Зи быным джанэ «хуэзыдыфын» анэхэр куэду лъэпкъым Тхьэм къыдит!
Пхъухэми, пхъу зиӏэхэми дохъуэхъу😍
25.04.2025, 22:31
t.me/cherkes_haku/653
📝жэщ усыгъэ

* * *

Уи фIэщ умыщI сиIауэ нэгъуэщI хэку,
Зи гупкIэ сисым и уэрэд жысIауэ,
Нэхъ къасщтэу къыхэсхауэ нэгъуэщI гъуэгу,
Уи деж сынэзышэжым нэмыщIауэ.

Дунейр щIиIубэжами, сыкъелынт
Уи нурым и зы кIапэ къысхэнамэ,
Си щIэблэм я гум фIыкIэрэ силъынт,
Уи пэжым и зы Iыхьэ къысхуэнамэ.

Уи фIэщ умыщI сыхъуауэ нэгъуэщI цIыху,
МылIэжыныпсэ бзаджэр къысIукIауэ…
Сызэрыпсэур уи дзыхь къызэбгъэзыхущ,
Си лъагъуныгъэм уигу къыщымыкIауэ.

✍ПЩЫУКI Латмир
25.04.2025, 21:33
t.me/cherkes_haku/652
Дагъыстаным къикӏа хьэщӏэ бзылъхугъэм и къэпсэлъэныгъэ гуапэр🙏😍
25.04.2025, 19:58
t.me/cherkes_haku/651
25.04.2025, 19:56
t.me/cherkes_haku/648
25.04.2025, 19:56
t.me/cherkes_haku/649
25.04.2025, 19:56
t.me/cherkes_haku/646
25.04.2025, 19:56
t.me/cherkes_haku/647
🤝Хьэбэз районымрэ Дагъыстанымрэ сыткӏэ зэпха?

Дагъыстан Республикэм и Кизилюрт районыр ныбжьэгъугъэ быдэкӏэ къыпыщӏащ ди Хьэбэз районым. Абы и лъабжьэр къыщожьэ илъэс 55-кӏэ узэӏэбыкӏыжмэ.

1970 гъэм Дагъыстаным къыщыхъуа щӏыхъей шынагъуэм зэхикъута псэуалъэхэр яухуэжауэ щытащ ди районым щыщ щӏалэхэм.

Ди хэгъуэгум и мылъкукӏэ нэрыбгэ 600-м щӏигъу зыщӏэхуэн еджапӏэшхуэ ухуакӏуэхэм хузэфӏагъувэжауэ щытащ.

Апхуэдэ гуапагъэр нобэми ящыгъупщэкъым Дагъыстаным.

Илъэс кӏуам ди районым щыщхэр ирагъэблагъэри щӏыпӏэ дахэхэр ирагъэлъэгъуащ, Дагъыстан хэгъуэгум къыщрашэкӏащ.

Адыгэ ныпым и Махуэм ирагъэхъулӏэри, Кизилюрт районым и лӏыкӏуэхэр дэри къытхуеблэгъэжащ.

Лэжьыгъэкӏэ, ныбжьэгъугъэкӏэ, къуэшыгъэкӏэ зэпыщӏауэ зэрыщытынымкӏэ районитӏым зэгурыӏуэныгъэ зэдащӏащ.

📹📷 Хьэбэз администрацэм и пресс-къулыкъу
25.04.2025, 19:56
t.me/cherkes_haku/650
😍Мэрям цlыкӏу и дуней

Ӏуэхужан и ӏуэхущӏэкӏэм хуэфэщэнщ и шхэкӏэри😁

"Зэгъунэгъуиблым я шатащхьэр тезышхыкӏхэм" закъыкӏэримыгъэхуу👍
25.04.2025, 17:12
t.me/cherkes_haku/645
Repostar
174
Лъапэмахуэкӏэ ежьауэ🙌


https://youtu.be/E5-HEXCQy3A?si=c8r1o4hUzWxlqoy
Z
25.04.2025, 13:41
t.me/cherkes_haku/644
ЗыплъыхьакӀуэхэм, зекӀуэхэм я екӀуэлӀапӀэ, 🏞Хъумэрэ къуажэм къыщхьэщыт Къалэжь быдапӀэм и къуапэм мывэ хужькӀэ щыхэщӀыхьа Адыгэ Ныпым гур егъэин!
25.04.2025, 10:48
t.me/cherkes_haku/643
Адыгэ ныпым и Махуэмкӏэ, ди лъэпкъэгъухэ!

Адыгэ нып

Нып удзыфэу, Хэкум и фэ!
Лъэпкъ дамыгъэу ди дуней!
Лъагэу фIэти, ину жыфIэ:
Ди адыгэр - псом я лейщ!
Къытхуихуэнукъым зы махуэ
Уи жьауэкIэм дыщепцIыж!
Уи лъэпкъ дыщэм, уи лъэпкъ хахуэм
Нобэ лъагэу уеIэтыж!
Дрогушхуэ ди адэжьхэм!
Дроиныр ди блэкIам!
ЛъыкIэ уэ узытхьэщIахэм
Напэ къабзэ къагъэнам!
Мывэ къащхъуэр ди тхьэлъанэщ,
Къурмэн Iус дызыхуэхъун:
Уи быдзышэр зыIухуауэ
КъикIуэтынукъым зы бын!

✍. Бемырзэ Зураб
25.04.2025, 06:28
t.me/cherkes_haku/642
Ди щӏэблэр адыгэпсэщ!

📹Ботэщей къуажэм щыщ Братхэ Алинэрэ Зарэрэ😍😍😍
24.04.2025, 21:00
t.me/cherkes_haku/641
24.04.2025, 20:40
t.me/cherkes_haku/639
Хьэгъундыкъуейм (Али-Бэрдыкъуэ къуажэ) нэгъэсауэ зыхуигъэхьэзыращ Адыгэ ныпым и Махуэм!!

Адыгэ ныпыр щоуардэ Бгы гъуанэжьым и джабэ нэӏумрэ ӏэдииху къыпэщыт бгымрэ!

Адыгэр зыщыпсэу щӏыналъэхэр хуэхьэзырщ пщэдерей махуэщӏым! Тхьэм тхуэмахуэн тхуищӏ!😍
24.04.2025, 20:40
t.me/cherkes_haku/640
Адыгэ ныпым и Махуэм саугъэт хьэлэмэтыщэ и нанэм хуигъэхьэзыращ Гундэхъу Зарэ цӏыкӏу.

🎨 📹 Абыдэ Ӏэсят и лъэщапӏэм
24.04.2025, 17:34
t.me/cherkes_haku/638
Амилие къызытехуа газетыр
24.04.2025, 15:48
t.me/cherkes_haku/637
Газетым укъытехуэныр насып? Насыпщ!

Хьэбэз дэт " Нур" сабий ӏыгъыпӏэм къикӏа теплъэгъуэ гуапэмкӏэ дауэ дывдэмыгуэшэнрэт?!

Гъуэщокъуэ Амилие цӏыкӏу и теплъэр зытет газетыр нобэ сабий садым яхуихьащ. И ныбжьэгъухэм абы яхуиӏуэтащ тхыгъэр зытепсэлъыхь, зауэм хэта и дадэжьым, гуфӏэу ядэгуэшащ газетым абы и сурэтыр иӏыгъыу къызэрытехуамкӏэ.

Амилие и ныбжьэгъу цӏыкӏухэм Ӏэгуауэшхуэкӏэ и гуфӏэгъуэр абы даӏыгъащ!

Фӏыщӏэ яхуэфащэщ бзэми, лъэпкъ ӏуэхуми, тхыдэми, ди газетми апхуэдэ гулъытэ хуезыгъэщӏ, сабийхэр зи нэӏэ щӏэтхэу Кхъуэхъу Мадинэ, Шыбзыхъуэ Саидэ, Даур Салимэ сымэ.

Атӏэ мыпхуэдэ дакъикъэхэракъэ уи лэжьыгъэм и фӏагъыр щызэхэпщӏэр, нэхъри узыгъэгушхуэр!!
24.04.2025, 15:47
t.me/cherkes_haku/635
💻Компьютерхэр мыхъуми, долэжьэф!!

Ди къуэш хэгъуэгухэм я редакцэхэм иджыри щахъумэу пIэрэ дэ зетхьэм хуэдэ  Iэпэтеуэ машинкэ?

Атlэ зетхьэ къудейкъым, дыгузавэмэ «депхъуэфыну» хьэзыру щытщ😄.

Зэрыфлъагъущи,  Iэпэм  и унафэхэр иджыри фIыуэ зэхещIыкI, хьэрф сатырхэр хыумылъагъукIыщэми, зэфIэмыуэу  тредзэ.

✍Апхуэдэ Iэмэпсымэм
ирилажьэу зэрыщытари зигу къэкIыжыни къытхэтщ…😊
24.04.2025, 14:24
t.me/cherkes_haku/634
Феджа Шекспир адыгэбзэкlэ?

Сонет 130

Си дахэм и нэр вагъуэм хуэзмыгъадэ,
И Iупэр
дыхьэрэнуэ мыплъыжь,
И щIыфэми
уэс хужьу  уIумыплъэ, 
И щхьэцми щIакIуэ  Iуву  зимутIыпщ.
 
Дамаск и
розэ хужьым,  тхьэмбылыфэм
НэкIущхьэхэр
гъунэгъууи  емыщхь,
Мэ гуакIуэ  и бэуэкIэм  къыщхьэщихми,  
Ар епэрымэм  хуэдэу  мыгурыхь.

Абы и макъыр
зэхэсхыну сфIэфIми,
Макъамэ куэд
нэхъ дахэу  щыIэгъэнщ,
Тхьэгуащэм
щабэрыкIуэу къикIухьыфми,
Си дахэм   ар и  кIуэкIэу  жызмыIэн. 

Щытхъупс трагъэлъадэ тхьэIухудхэм - 
Сэ фIыуэ слъагъур пэжым игъэпудкъым.

✍ЗэзыдзэкIар
НэщIэпыджэ Замирэщ

🔗Губзыгъэхэм я НОБЭ гупым къитхащ
24.04.2025, 12:26
t.me/cherkes_haku/633
Мэжджытжыг (сирень) - Хьэкъун Бэрэсбий и "Адыгэ къэкlыгъэцlэхэр" тхылъым апхуэдэу къыщыгъэлъэгъуащ.

Жэнэтжыг, махуэжыг фlэщыгъэцӏэри нэхъ захуэу къэзылъыти щыlэщ.

📹 гъэпщкӏуауэ урыс нанэ цlыкlум и удз гъэгъахэм тхутрихащ Борэныкъуэ Мадинэ😁👍
24.04.2025, 10:52
t.me/cherkes_haku/632
🧐 ГЪЭЩӀЭГЪУЭН ФЩЫХЪУНУЩ

БЛАЩХЬЭ

Жьэгъу узхэм (жьэгъубэг, паратит, ангина) зэреIэзэу щыта Iэмэпсымэ, нэтемыгъахуэуи зэрахьэт.

ИпэхункIэ  блэ дыдэм и щхьэ къупщхьэр гъэкъэбзауэ, кIапсэ ищIауэ  сымаджэм, сабийм и пщэм иралъхьэт, гущэм фӏадзэт.

ИужькIэ «блащхьэ» жаIэу къагъэсэбэп хъуащ хым къыхах нэщIэпкIэр зэрыс фампIэри.

✍Адыгэ мифологием и энциклопедие
Мыжей М., Пащты М.

Нобэрей гъащӏэм "блащхьэ"-р адыгэхэм къызэрагъэсэбэпыжыр бзылъхугъэ ябгэм, бзаджэм щытепсэлъыхькӏэщ.
23.04.2025, 21:30
t.me/cherkes_haku/631
23.04.2025, 21:30
t.me/cherkes_haku/630
23.04.2025, 20:29
t.me/cherkes_haku/629
📗МЫПХУЭДЭ ТХЫЛЪ КЪЫДОЛЪЫХЪУЭ!

А ӏуэхумкӏэ къытщхьэпэфын къыфхэкӏмэ, ди гуапэщ!
23.04.2025, 20:03
t.me/cherkes_haku/628
Къэбэрдейм и Ислъэмей къуажэм мэлыжьыхьым и 25-м хуагъэхьэзыра ӏуащхьэр!👍

📹 Ди щӏэтхыкӏакӏуэм къытхуригъэхьащ
23.04.2025, 15:49
t.me/cherkes_haku/627
📚нобэ мэлыжьыхьым и 23-щ. ЮНЕСКО -м игъэувауэ тхылъым и Дунейпсо Махуэщ.

"НАРТХЭР" - адыгэхэм ди тхылъ нэхъ лъапlэхэм ящыщу долъытэ.

Лъэпкъым къызэринэкI тхыдэ гъуэгуанэм и мызакъуэу, и хъуэпсапIэхэри, и гугъапIэхэри, дахагъэу къыдэгъуэгурыкӏуэри, лъапIагъэу бгъэдэлъри къыщыгъэлъэгъуащ тхыдэжь пшыналъэу зэхэт эпосым.

Сыт хуэдэ тхылъ ди лъэпкъымкӏэ мыхьэнэшхуэ зиӏэу фэ флъытэр?
23.04.2025, 09:58
t.me/cherkes_haku/626
📚ЖЭЩ УСЫГЪЭ

ГЪАЩӀЭ

Хуримыкъужу си псэм щощӀэ
Зы хуабэ гуэр, ауэ, итӀани,
Сопсэу дыгъуасэм нобэр пысщэу,
СыкъаскӀэкъым къысхэуэу бани.

Къуршыпс ерууэ гъащӀэ кӀуасэм,
Щхьэц налъэичу гъэгъу зымыщӀэм
Си зы тхьэусыхи имыщӀасэ, –
Щхьэ фӀэфӀу пӀэрэ сигъэхыщӀэм?!

И дахи Ӏеи зэхилъхьами,
Сыт къысхуигугъэми сымыщӀэ...
Сыт хуэдэ гъуэгу схухимыхами,
ГъащӀэм нэхъ фӀыуэ слъагъу щымыӀэ!

✍ЛЫХЬ Тимур
22.04.2025, 23:13
t.me/cherkes_haku/625
Адыгэ ныпым и махуэщlыр гъэлъэпlэным хуэгъэзауэ ди Щlалэгъуалэ Хасэм фыщегъэгъуазэ!
22.04.2025, 21:22
t.me/cherkes_haku/622
Repostar
89
Си гъащӏэри, си гуащӏэри уэращ - си Хэку, си Лъэпкъ!

Берегите родную культуру, она у нас одна.

25.04.25 Премьера клипа «ЛъэгъэDjegu».
22.04.2025, 21:00
t.me/cherkes_haku/621
🎨Мэшэжь Сасэ упщӏэм къыхищӏыкӏ теплъэхэр телъыджащэщ.

📹✍Кушпэ Маринэ. Хэгъуэгу Адыгэ телевиденэм и нэтын.
22.04.2025, 19:01
t.me/cherkes_haku/620
Къуажэхэм сыт щыхъыбар? Къалэмкӏэ уэ къох!😞 аргуэру мэлыжьыхьыр къытхуобзаджэ
22.04.2025, 17:42
t.me/cherkes_haku/619
Ди Лӏыхъужьым и цӏэр къахэзгъуэтащ!

Си гукъэкӀыжхэм ящыщ зы.

2004 гъэм фокӀадэм Прагэ сикӀри Венэ сыщыӀащ. Сыбгъэдэтащ австрие къалащхьэр хуит къыщащӀыжым хэкӀуэда совет сэлэтхэм я фэеплъ сыным.

Абы тетщ ди лъэпкъэгъу Хьэбэч Умар и цӏэри.

Зауэ нэужьым ягъэува сыным тетхат Хьэбэч Умар Совет Союзым и ЛӀыхъужь цӀэр зэриӀэр.
Ауэ ар къыщратыжар лӀа нэужь илъэс пщӀы бжыгъэ текӀыжа нэужьщ...

✍Дэбагъуэ Хьэтызэ
22.04.2025, 16:11
t.me/cherkes_haku/618
⚡️Лъэпкъ щэнхабзэр зыхъумэхэр

Къызэрымыкӏуэ зэчийрэ, лъэпкъыпсэрэ зыбгъэдэлъ, Беслъэней къуажэм щыщ Чырбыжхэ я унагъуэм зэкъым къэрал утыку нэхъыщхьэхэм ди адыгэри, ди хэгъуэгури зэриӏэтар.

Сурэтым щыволъагъу дызэрыгушхуэ пшынауэ ӏэзэ  Чырбыж Зулетэрэ и бын зэчиифӏэхэмрэ.

Тхьэм фигъэбжьыфӏэ!✨
22.04.2025, 15:51
t.me/cherkes_haku/617
Мы тхьэмахуэм газетым и журналистхэр драгъаджэ.

Дызыхурагъаджэр "блогер" ӏэщӏагъэращ.

Ди Министерствэм и къызэгъэпэщыныгъэкӏэ "Лъэпкъ блогерым и еджапӏэ" проектыр республикэм щокӏуэкӏ.

Ар ди лэжьыгъэмкӏэ къызэрытщхьэпэнур зэманым къыдигъэлъагъунщ, арами нобэ "ӏэзагъэ" гуэрхэри къэтцӏыхуащ.😊
22.04.2025, 15:33
t.me/cherkes_haku/616
22.04.2025, 13:18
t.me/cherkes_haku/611
22.04.2025, 13:18
t.me/cherkes_haku/610
22.04.2025, 13:18
t.me/cherkes_haku/613
22.04.2025, 13:18
t.me/cherkes_haku/612
22.04.2025, 13:18
t.me/cherkes_haku/614
Иджырей зэманми декӏу теплъэ гъэщӏэгъуэнхэри иӏэщ!
22.04.2025, 13:18
t.me/cherkes_haku/615
22.04.2025, 13:17
t.me/cherkes_haku/602
🗓Нобэ мэлыжьыхьым и 22-щ.
Хуабагъыр +10° +16°🔆 шэджагъуэм уэшх итщ.

«Нэхъыжьым жьэ ет, нэхъыщӀэм гъуэгу ет». Адыгэ псалъэжь

Махуэ дахэ Тхьэм къывит!
22.04.2025, 08:19
t.me/cherkes_haku/601
Ди насыпу Нэпӏытӏ къытфӏащакъым😁😂
21.04.2025, 20:29
t.me/cherkes_haku/600
"Дахэ" псалъэм къигъэхъуа цlэхэр

Дахэзилэ, Дахэлинэ, Дахэнагъуэ, Дахэнэху, Дахэжь, Дахэхужь, Дахэцlыкlу, Дахэшхуэ, Дахащэ, Дахэшыр, Дахэланэ, Дахэжьей, Дахэжан.

Бзылъхугъэхэм я дахагъэр, гуакӏуагъэр къигъэлъагъуэу хэплъыхьауэ цӏэ дыгъэлхэр ирату щытащ.

Мыпхуэдэцlэхэр фlащт абы и щыхьэту:

Дыжьын, Дыху, Жьэгъуху, Къарэнагъуэ, Мазэгъуэ, Нэпlытl, Нурмахуэ, Нэхуэ, Нысащlэ, Пажэ, Ужьэ, Щхьэхужь, Щхьэцфlыцlэ.
21.04.2025, 20:28
t.me/cherkes_haku/599
21.04.2025, 19:28
t.me/cherkes_haku/591
21.04.2025, 19:28
t.me/cherkes_haku/589
21.04.2025, 19:28
t.me/cherkes_haku/596
21.04.2025, 19:28
t.me/cherkes_haku/592
21.04.2025, 19:28
t.me/cherkes_haku/594
21.04.2025, 19:28
t.me/cherkes_haku/593
21.04.2025, 19:28
t.me/cherkes_haku/597
Адыгэ Республикэ

Ди лъэпкъэгъу лъапӀэхэ!

Иджыпсту гъатхэм и курыкупсэм дитщ. Фыхэдгъэплъэну ди гуапэщ адыгэщӀым и къызэщӀэгъэгъэгъуэ пӀалъэм махуэ къэсыхун къуэш хэгъуэгум тыгъыу къылъыс фэзэхъуэкӀ дунейм, абы къытхуигъэуш псэзехьэ щытыкӀэхэм.
21.04.2025, 19:28
t.me/cherkes_haku/598
21.04.2025, 19:28
t.me/cherkes_haku/590
21.04.2025, 19:28
t.me/cherkes_haku/595
21.04.2025, 14:04
t.me/cherkes_haku/587
Ди щӏыпӏэ дахэхэр!!!
📹 Емзэгъ Даринэ
21.04.2025, 13:37
t.me/cherkes_haku/586
Аращи, етшэжьащ лэжьэгъуэ тхьэмахуэр... Зэредгъэжьам ӏуэхуфӏ куэд къыпэкӏуэн сурэтщ😄
21.04.2025, 13:24
t.me/cherkes_haku/585
21.04.2025, 09:38
t.me/cherkes_haku/584
Бзу абгъуэм и Тет, псэущхьэ телъыджэ шынагъуэ, Гъурнау😄

✍📷Ди журналист Туаршы Ирэ лэжьапlэм къынэсыху и репортажыр хьэзырщ
21.04.2025, 09:14
t.me/cherkes_haku/582
Нобэ мэлыжьыхьым и 21-щ.
Хуабагъыр +9° +13° 🌧 уэшхщ.

"Псалъэ дахэм пщӏэ щӏаткъым". Адыгэ псалъэжь.

Гуапагъэрэ гухэхъуэрэ махуэм къыфхуихь!!
21.04.2025, 08:08
t.me/cherkes_haku/581
🎙 Хьэщэ Муӏэед и зы таурыхъым дыщӏэдэӏужынщ.
"Джэд нэхърэ джэдыкӏэ нэхъ ӏущщ" Адыгэ таурыхъхэр
20.04.2025, 22:03
t.me/cherkes_haku/580
Цыр зыпх хабзэр бзылъхугъэрат япэм. 
"Цыпхэу ущымыт" жыlэгъуэр зыхуэгъэзауэ щытар фызыфэу щыт лlырат.
Иджырей зэманым хуэмыхум, щхьэхынэм теухуауэ къаупсэлъ ар.

Упщӏэ-жэуапым къытехъеикӏа зэпсэлъэныгъэм фыкӏэлъымыплъамэ, ар абы и жэуапщ.
20.04.2025, 21:58
t.me/cherkes_haku/579
Фцӏыхурэ бзэм хэт нагъыщэхэр?
20.04.2025, 21:00
t.me/cherkes_haku/577
20.04.2025, 12:48
t.me/cherkes_haku/576
Repostar
112
Хьэжрэт шыдхэм папщӀэ💐

Зызыгъэпагэу шыд къызыфӀэщӀыжахэм
Уахэзэрыхь хъумэ, шыдыфэ зытегъауэ.
Ахэр зэреплъымкӀэ, апхуэдэу мышыдыфхэрщ
Хабзэм и лъабжьэри и ӀэфӀри зыгъэутхъуэр.


#ХАЙЯМ_Омар
20.04.2025, 12:24
t.me/cherkes_haku/575
20.04.2025, 10:42
t.me/cherkes_haku/572
20.04.2025, 10:42
t.me/cherkes_haku/565
20.04.2025, 10:42
t.me/cherkes_haku/569
20.04.2025, 10:42
t.me/cherkes_haku/567
20.04.2025, 10:42
t.me/cherkes_haku/566
20.04.2025, 10:42
t.me/cherkes_haku/564
20.04.2025, 10:42
t.me/cherkes_haku/568
20.04.2025, 10:42
t.me/cherkes_haku/574
20.04.2025, 10:42
t.me/cherkes_haku/563
20.04.2025, 10:42
t.me/cherkes_haku/570
20.04.2025, 10:42
t.me/cherkes_haku/562
Гъатхэ мэз.... Жьыри щӏэри, гъащӏэм и къежьапlэри и кӏэухри, псэ зыӏути псэншэри зы здэхъу...
20.04.2025, 10:42
t.me/cherkes_haku/571
20.04.2025, 10:42
t.me/cherkes_haku/573
20.04.2025, 09:54
t.me/cherkes_haku/561
Жьакуэ къуажэм шыд куэду зэрызэрахуэр ягъэхъыбар, тӏэкӏуи щӏэнэкӏалъэ ящӏу😄. Ауэ сэ зэрысцӏыхумкӏэ Хьэгъундыкъуейщ Шыд хьэблэ зиӏэр.

Иджырей зэманым шыди зыми имыӏэж, къуажитӏри абы иримыгушхуэжыф.

Мы нышэдибэ ди псыхъуэм дызыӏущӏа шыд цӏыкӏур "раритет" жыхуаӏэм хуэдэщ. Ди гъунэгъухэм яйщ. И цӏэм дыщыгъуазэкъым😄
20.04.2025, 09:35
t.me/cherkes_haku/560
Фи пщэдджыжь фӏыуэ!

✍Федерико Гарсиа Лорка и усэ
Зэзыдзэкӏар Бемырзэ Зурабщ

�https://t.me/bemurza
20.04.2025, 08:34
t.me/cherkes_haku/559
Os resultados da pesquisa são limitados a 100 mensagens.
Esses recursos estão disponíveis apenas para usuários premium.
Você precisa recarregar o saldo da sua conta para usá-los.
Filtro
Tipo de mensagem
Cronologia de mensagens semelhante:
Data, mais novo primeiro
Mensagens semelhantes não encontradas
Mensagens
Encontre avatares semelhantes
Canais 0
Alta
Título
Assinantes
Nenhum resultado corresponde aos seus critérios de pesquisa